Хуэм хуэмурэ уокIуэдыр, адыгэ щIалэ,
Хабзэр, бзыпхъэр пфIокIуэдыр, щIэхыу къэгъазэ.
Уи бзэ пщIэжкъым – тыркубзэр пфIыхэзэрыхьащ,
Уи хабзэм хамэ хабзэр пфIытезэрыхьащ.
Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,
Мыр зи бзэр дэращ, зи хабзэр дэращ.
Хэт нэхърэ дынэхъыкIэ, ди бзэ дымыщIэну?
Дэ ди хабзэр нэхъыкIэ, хабзэ дымыщIэну?
ТIэщIэкIынщ а псори, зэуэ тфIэкIуэдынщ,
Ди бзэр, хабзэр тфIэкIуэдмэ, дэри дыкIуэдынщ.
Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,
Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ.
(Бабыгу Эргун, «Къэгъазэ»)
Бабыгу Эргун, хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым ящхьу, адыгэбзэр езым зригъэщIэжат. И анэдэлъхубзэмкIи тхыгъэ кIэщIхэр, усэхэр итхт. Къалэныр зыгъэзэщIэн щыщымыIэм деж, уимыкъалэнри уи пщэм къыдохуэ жы хуаIэрати, Тырку къэралыгъуэм иджыри адыгэбзэр хуит имыщIауэ, Истамбыл дэт адыгэ хаситIым адыгэбзэ курс къыщызэIуихри, щIалэ гуп адыгэбзэм хуригъэджащ. Эргун мыегъэджакIуэми, езым нэхъыфI щи мыгъуэтым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъуат. Тыркум иджыпсту щызэхэпхынщ Эргун-егъэджакIуэм теухуауэ хъыбар дахэ куэд. Абыхэм псоми зэтехуэу зы жаIэ – Эргун хабзэ дахэ, нэмыс хэлъу зэрыщытар, гъэсэныгъэ екIурэ лIыгъэрэ зэрыбгъэдэлъар. АбыкIэ фIыщIэр зейр къэзылъхуахэращ, дауикI. Ауэ уэ убгъэдэмылъыр цIыхум ептыфын? Сэ мыбыхэм я Iуэхум фIыуэ сыщыгъуазэщи, схужыIэнущ хасэхэм деж бзэрэ хабзэрэ щептыну икъукIэ зэрыгугъур. Мыхэр езыхэр зэмыфэгъу защIэу зэхэлъщ – ныбжькIи акъылкIи зэтемыхуэу, абыи къыщымынэу, хэт къэбэрдейуэ, хэти адыгейуэ, абы нэгъуэщI лъэпкъхэри къахэзэрыхьу. Абыхэм я егъэджэныр идея лъагэу уи щхьэм имылъмэ, сомрэ зэманрэ мы Iуэхум пхутегъэкIуэдэнукъым. Ауэ, Эргун и щабагъым, и гум и дахагъым, и лIыгъэм, и адыгагъэм – щIалэгъуалэр къыкIэлъыкIуэт.
ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар Хэкум къызэригъэзэжыным щIэхъуэпст. Зэ-тIэу Хэкум къакIуэурэ щыIащ, ауэ къэкIуэжыпэн къыщехъулIар 2006 гъэращ. Абы лъандэрэ Налшык щыпсэуащ. И IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ къызэIуихри ехъулIэныгъэ иIэу дунейм ехыжыхун лэжьащ. И лэжьыгъэмкIэ адыгэ куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Цıыхум сомкIэ зыщIэгъэкъуэныр и хьэлу щытащ. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми ядэIэпыкъуащ. Тыркум къикIауэ, ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящхьэщытащ.
Бабыгу Эргун унагъуэт. ЩIалитI къыщIэнащ Амырхъанрэ Батухъанрэ. Нэхъыжьыр университетым зы зэмакIэ щеджащ. Иужьым Истамбыл къыщиухыжащ.
Ковидыр Эргун къыщеуэлIам, и унагъуэр Истамбыл щыIэт. Езыр Налшык къэнат, лIыгъэм зригъэхьри. Узыр къызэриубыдар хэIущIыIу ищIакъым, Тырку гъуэгури зэIухатэкъым… Ауэ Эргун зыцIыхуу щытахэм, и ныбжьэгъуахэм ди гур догъэфI сытым дежи и нэ къызыхуикIа Хэкум зэрыщыщIалъхьэжамкIэ:
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Уэшх тIэкIу къыстырипхъэрэ,
Жьым сабэр зыщIипхъэуэ.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Мазэр си уэздыгъэрэ,
Жэщ фIыцIэр си тепхъуэуэ.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Вагъуэ ижа фIэкI умыщIэу,
СхэкIуэтынущ мы гъащIэм.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Зэи сыщымыIа хуэдэу,
Сырахьэхынущ щIы лъащIэм.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
Си хэкум сакъыхэплъэну,
СыщыщIэфлъхьэ зы бжьэпэ и дей.
Сэ сылIэмэ
пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.
НэгъуэщI зы щIыпIэ сывмыхьу,
ЗанщIэу сефхьэлIэж Бабыгуей.
Эргун и усыгъэми, къытхуиIуэтэжа хъыбархэми къазэрыхэщымкIэ, хэку фIылъагъуныгъэр уIэгъэжь мыкIыжым хуэдэу къыздырахьэкI хамэщI щыпсэу адыгэхэм:
Адэ хэкум сынэмысу
Хамэ къэрал сыщылIэмэ,
Сыкъэзышам зэремыбгъэу,
Сызмышэжым сигу ебгъэнщ.
Сэ адыгэу зыслъытэжрэ
Хамэм сахэкIуэдэжмэ,
Адыгэу и хэку къинэжа
Си къуэшхэм ягу къызэбгъэнщ.
(Бабыгу Эргун, «Адэ хэкум сынэмысмэ…»)
КъызэрыкIуэжынумрэ къыщыкIуэжынумрэ нэгъэсауэ ямыщIэми, куэдым Хэкужьым къызэрихьэжынур шэч хэмылъу яцIыхут. Хэкужь Iуэхур хьэкъыу зыхэлъу къалъхуахэращ Iэмал зэрагъуэту къекIуэлIэжар. Гугъуехь куэд хэтащ, иджыри зрихьэлIэ лъэпощхьэпор нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ гугъуехьым хуэхьэзырт. Къыптрахами, къэбгъэнами, зэ пфIэкIуэда уи лъапсэжьыр тыншу къызэрыпIэрымыхьэжынур хьэкът. Ауэ я лъапсэжьыр тIысыпIэ ящIыжын мурадыр апхуэдизу инти, псоми пэщIэувэфт, мазэрэ дыгъэу уафэгум къыщепсти гугъэр ягъэнэхут, ягъэхуабэт.
Читать дальше