Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Бжьэм къигъахъуэ фадэжь.
Гъуар ф1эк1а мыгъэгъэж,
Л1ар мыгъыж,
Гъын зыух – мэгуф1эж.
Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!
Дыгъэр ди псэу къытхуопс,
Псынэм ди 1ур елъэс.
Хъуар блэк1ащ,
Къытпэщылъыр къэк1уэнщ,
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Си хэкур си лъахэу,
Си жьэгур си хьэкуу,
Си напэр си нэк1уу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэ дунейм сытету,
Пщэджыжьыр уэсэпсу,
Си махуэр дыгэпсу,
Си жэщыр вагъуэпсэу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Си лъэпкъыр хэкупсэу,
Си быныр анэпсэу,
Анэбзэри я псэу…
Насып сэ сыхуейщ:
Адыгэу дунейм сытету,
Адыгэу дунейм сехыжу…
Сыкъытехьэжмэ дунейм зэгуэрым —
Адыгэ сыхъужу аргуэру!
Уэс къабзэ къесам сэ
Лъэмб лъагъуэ хызошри,
Лъэмакъ кысщ1э1ук1ым
Къысф1ощ1 си1уэтэж.
Джэ макъыр 1ущащэу
Тэмакъым къо1ук1ри,
Жьы щ1ы1эр хуэмыхьу,
1у бахъэу мэтк1уж.
1ухуд сы1уплъащи,
Си гъащ1э блэк1ар сэ
Къысф1ощ1 жей пычыгъуэу —
Дунейр сыф1эчэнжщ.
Зэхэпхрэ, си Тхьэшхуэ?
Дуней уи 1энэшхуэм
Тызолъхьэ дыхьэшхыр —
Гушы1эм дызошхыр!
1
Щ1эдэ1ук1ыт:
Я1урылъщ адыгэбзэр жыг тхьэмпэхэм,
Мэуэршэр адыгэбзэк1э псынэхэр,
Мэбзэрабзэ гъэгъар адыгэбзэк1э,
Адыгэбзэк1э бзухэм уэрэдыр къыращ…
Я1урылъщ адыгэбзэр уэшх тк1уэпсхэм,
Мэуэршэр адыгэбзэк1э вагъуэхэр,
Псыкъелъэр къоп1энк1 адыгэбзэк1э,
Адыгэбзэк1э жьыбгъэм макъамэр къырещ…
2
Щ1эдэ1ук1ыт:
Адыгэбзэк1э шыблэр къогъуагъуэри уэгум
Адыгэбзэр ягъаджэ къуршыжьхэм зэщыджу —
Хэку ибэр лъэпкъ ибэм зэщыджэурэ йоджэ,
Унагъуэ хъужыну и бынхэр хуреджэ!
Сэмбыр 1уащхьэм
Уд гуп щхъуэхьхэм
Зы ц1э гуэрэ щра1уащ.
Жэщ вынд щэхум
Жыг щиху къуэпсыр
Си щхьэгъубжэм къеу1уащ.
Уд гуп къафэм
Пщащэ дахэ,
Зыгуэр пэплъэу, къахэжащ.
Уафэ лъагэм
Нап1эзып1эм
Вагъуэ нэпсыр къыщ1эжащ.
Я зэхэплъэр
Яухауэ,
Я деж удхэр мэлъэтэж.
Пщащэр 1уащхьэм
Къытенауэ,
Гу хьэхуахэр елъытэж.
Мазэ напэм
Соплъэр гъуджэу,
Сэ сыхъуащи жэщмыжей.
Си псэ к1уасэм
Сык1элъыджэу,
Сэмбыр 1уащхьэм сыдожей.
И макъыр жыг тхьэмпэщ адыгэм,
И дамэр лъэгап1эщ адыгэм,
И напэр дыгъап1эщ адыгэм,
Гуэпагъэр и щхьэнтэщ адыгэм.
И жьауэр жыг хадэщ адыгэм,
И псалъэр къурш мывэщ адыгэм,
И гущ1эр быдап1эщ адыгэм,
Гурыщ1эр и уанэщ адыгэм.
И нэпсыр къум псынэщ адыгэм,
И л1ыгъэр мылыджэщ адыгэм,
Бэшэчыгъэр и нат1эщ адыгэм,
Ц1ыхугъэр и лъахъэщ адыгэм.
И хэкур и плъап1эщ адыгэм,
Щ1ы хамэр и л1ап1эщ адыгэм,
И хэкур и узщи адыгэм,
И узыр и хущхъуэщ адыгэм!
Сэрейм щ1эмыхуэжу гуащэр
Гъуэгум тоувэри маплъэ,
Жыжьэр къыпоплъэ гуащ1эу,
Нэхэр ирещ1ыр нэщ1ым.
Гуащэм иужьу хьэжьыр,
И бгъум мэт1ысри мэжыр.
Мылу гъэжа гузавэр
Т1уми зэдагъэныщк1ур.
Дыгъэр къухьэжмэ, гуащэр
Хуэму щ1охьэж унэ нэщ1ым.
Зэман лъэужьыншэм гъущ1эу,
Бамп1ейм иресык1ыр гущ1эр.
Жэщ псом езэша гуащэр,
Пщэджыжьым 1урехри мащ1эу,
Пщ1ыхьэп1эу елъагъур зэжъэр…
Нэхулъэр хуэлъыфэу мэжыр,
Гъунапкъэм къухьэж мазэр
Мэкъугъри егъей хьэжьым.
Нэхулъэ бзухэм уэрэд къыщырашк1э,
Бзэрабзэу дыгъэр къыкъуэк1т, гущэ, уей!
Конец ознакомительного фрагмента.
Текст предоставлен ООО «ЛитРес».
Прочитайте эту книгу целиком, купив полную легальную версию на ЛитРес.
Безопасно оплатить книгу можно банковской картой Visa, MasterCard, Maestro, со счета мобильного телефона, с платежного терминала, в салоне МТС или Связной, через PayPal, WebMoney, Яндекс.Деньги, QIWI Кошелек, бонусными картами или другим удобным Вам способом.